Суббота, 27.04.2024, 21:23 |

Daov.clan.su

Главная » Файлы » файлы сайта

Насухь и еджапIэр.
[ ] 10.02.2009, 19:28
Насухь и еджапIэр.




Дау Насухь и гъэсэнхэм яхэтщ. 1990 гъэ 



Сэрмакъ къуажэм дащIыхьа мэжджытырщ.


  БлэкIа лIэщIыгъуэм и бгъущI гъэхэрт. Совет Союзыр якъутэжу щIадзат, ауэ «перестройкэ» псалъэр куэдрэ «ягъэныщкIу» мыхъумэ, зэхъуэ­кIыныгъэ IупщI гуэрхэри щыIэтэкъым.

  А зэманым нэхъ гукъинэж сщыхъуар Дау Насухь и еджапIэрщ. Сэрмакъ къуажэшхуэм дэс сабийхэр гуп-гупурэ екIуалIэрт Насухь и унагъуэм. И пщIантIэм гуэщ кIыхьышхуэ дищIыхьауэ, абы тIысыпIэ Iэджэ щIигъэу-вауэ, Насухь сабийхэм яригъэджырт КъурIэн лъапIэр, ислъам диным и хабзэхэр.

  «Мыр хъунукъым, щIалэ, уи зэран къыхэкIынкIи зыхуэIуа щыIэкъым», - къеущиену хэтащ къуажэдэсхэм ящыщ зыр. Ауэ Насухь апхуэдэ чэнджэщыр зыуи къыщыхъуа-къым. «Сэ сызыщышынэу щыIэр зы закъуэщ, - жиIащ абы, - Алыхьу лъапIэу лъэщырщ».

  Сигу ихужыркъым а махуэ дыгъэпсыр. Телевиденэм и лэжьакIуэ гуп цIыкIу дыхуеблэгъат Даухэ я унагъуэм. Насухь, зэрихабзэу, муслъымэныгъэм и дерсхэр итырт. ЩIэх-щIэхыурэ цIыкIухэм яхэупщIыхьырт, арэзы зытехъуэ жэуапхэри къратыжырт.

  Си нэгу щIэтщ а лIы къуэгъу пащIапцIэр, и нэгум нурыр кърихыу, дэтхэнэ и зы псалъэри IупщIу, дахэу икIи гуапэу къыжьэдэкIыу. СощIэж абы щIэх-щIэхыурэ «адыгэ сэлам къабзэр» жиIэрейуэ зэрыщытар.

  Сабий псори зэчиифIэщ жаIэ. Ар щынэрылъагъут Даухэ я еджапIэм, школакIуэ цIыкIухэу щэ зыбжанэ щыпэкIум - дэтхэнэ зыми «къыжьэдэлъэлъу» къыбжиIэфырт сурэ, духьэ, хьэдис, тасбихь хуэдэхэр, Iиманыр зищIысыр, ислъамым и хабзэ нэ- хъыщхьэхэр.

  Насухь я пашэу, Сэрмакъ щыщ сабийхэр (нэхъ гурыхуэ дыдэхэр) щып-лъагъунут мы къуажэм, районым, республикэм щекIуэкI зэхуэсышхуэхэм. НыбжьыщIэхэм яIуатэрт муслъымэныгъэм и хабзэфIхэр, цIыхухэр къыхураджэрт хьэлэлу, гущIэгъулыуэ, нэмыс яхэлъу зэрылэжьэным, зэрыпсэуным. «Дэ зыхыдощIэ, фэри зэвгъащIэ ислъамым и фIыгъуэхэр зэрыгъунапкъэншэр», - жаIэ хуэдэт абыхэм.

  Дау Насухь къэгъуэгурыкIуащ колхозым и лэжьакIуэ пэрытхэм ящыщу, фермэм и унафэщIу, щIакхъуэгъэжьапIэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэу, сыт хуэдэ лэжьыгъэ IэнатIэми щапхъэфI къыщигъэлъагъуэу. И Iуэху бгъэдэтыкIэкIэ, и хьэл-щэнкIэ зыкъомкIэ ещхьт и адэ Зэчий, Хэку зауэшхуэм хэтам, колхозым и тхьэмадэм и къуэдзэу, зэфIэкI хъарзынэхэр зыбгъэдэлъу щытам. Ауэ, шэч хэмылъу, ар диным нэхъ хуэзыузэщIар и анэ КIулэт, КъурIэн Iыхьлырт, духьэшырт, зи нэмэзхэм я уахътыхэр зэи блэзымыгъэкIырт.

  Гу зылъытапхъэщ духьэшы Дау Хъызыри (ар Насухь и унагъуэм пэгъунэгъуу щыпсэурт) дерсыфI Iэджэ къызэрыритар, КъурIэным фIыуэ хэгъуэ­зэнымкIэ сэбэпышхуэ къызэрыхуэхъуар. Хъызыри Iиман быдэ зыхэлъ цIыхут. Сэрмакъ нэхъапэхэм мэжджыт дэттэкъыми, ар мэрем махуэхэм лъэсу кIуэрт Къулъкъужын къуажэм, жумхьэ нэмэзыр а жылагъуэм щыIэ мэжджытым щищIын папщIэ.

  «Сэрмакъ мэжджыт дэтын хуейщ» - апхуэдэ жэрдэмыр Насухь къыщыхилъхьащ къуажэдэсхэм я зэIущIэшхуэхэм ящыщ зым. А мурадыр нахуапIэ хъун папщIэ, и къару еблэжакъым.

  Насухь ину хэлIыфIыхьащ Тхьэм и унэр ухуэным, мылъку зэхуэхьэсыным, ухуэныгъэм ирахьэлIэ пкъыгъуэхэр къэугъуеиным. «ДевгъэужьэрэкI, маржэ!» - жиIэрт щIэх-щIэхыурэ. И псэм ищIам ярейт куэд къызэримыгъэщIэжынур. Насухь дунейм ехыжащ мэжджытыр хьэзыр мыхъупауэ. Ауэ и къуажэгъухэм ящыгъупщакъым а лIы гъуэзэджэм и IэужьыфIхэр - абы и цIэр мэжджытым зэрехьэ.

Бэвыкъуэ Хьэчим.

Сурэтхэр зыгъэхьэзырар Хьэмту МуIэедщ.


Категория: файлы сайта | Добавил: daov
Просмотров: 2383 | Загрузок: 0 | Комментарии: 1 | Рейтинг: 5.0/2 |
Всего комментариев: 0
Меню сайта
Категории каталога
файлы сайта [7]
Форма входа
Поиск
Друзья сайта
Статистика

Онлайн всего: 1
Гостей: 1
Пользователей: 0
Наш опрос
Знаете ли Вы историю возникновения нашего рода
Всего ответов: 70
Мини-чат